- бгъэхэIу
- 1. брошь, брошка/ ЦIыхубзхэм я бгъэм хэлъу кърахьэкI зэрызрагъэщIэращIэ хьэпшып цIыкIу (дыщэ, дыжьын, къупщхьэ с. ху. къыхащIыкI).БгъэхэIу хэIун.2. значок (нагрудный)/ Зыгуэрым и фэеплъу, зыгуэрым и нэщэнэу е организацэ гуэрым и щыхьэту тещIыхьауэ е тетхаIауэ бгъэм хэлъу зэрахьэ дамыгъэ.Депутат бгъэхэIу.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.